Меню
Разработки
Разработки  /  Родной язык и литература  /  Мероприятия  /  9 класс  /  Анэдэлъхубэр хъума хъунумпапщ1э

Анэдэлъхубэр хъума хъунумпапщ1э

23.01.2023

Содержимое разработки

Анэдэлъхубэр хъума хъуным папщ1э –

1эмалу хъуар къэгъэсэбэпын хуейщ.



«..П1урылъу зы бзэ, узэдису зыщ1,

Хьэлэлу къыщыптепсэк1э зы дыгъэ,

Адыгэу упсэуным къик1ыр зыщ-

Уадыгэну къыпкъуэк1ынырщ л1ыгъэ!»

Бемырзэ Мухьэдин.

Дэтхэнэ зы лъэпкъми и бзэ и1эжщ – и анэдэлъхубзэ, ирипсалъэу,

и гурыгъ - гурыщ1эхэр , и гупсысэхэр къырри1уатэу. Анэдэлъхубзэр – анэм и бзэщ, ар дыкъызэрыхъурэ къыддогъуэгурык1уэ. Анэм быным нэхъ лъап1эу иритыфыну щы1эр гъащ1эмрэ, бзэмрэ. Анэдэлъхубзэрщ лъэпкъым и лъэпкъагъыр зыхъумэр – тхыдэ гъуэгуанэр, и л1ыгъэр, и хабзэ – нэмысыр, и зэхэщ1ык1ыр здынэсыр зыгъэбелджылыр. Бзэр къулеишхуэщ. Ар нэр нап1эм зэрихъумэм хуэдэу, хъумэн хуейщ. Адыгэ лъэпкъым и1эжщ и бзэ - ар адыгэбзэщ. Ди республикэм щызек1уэ къэралыбзэхэм ящыщ зыщ. Абы иригушхуапхъэщ. 1эмалу щы1эр къэгъэсэбэпын хуейщ, анэдэлъхубзэр хъума хъуным, абы адэк1э зегъэужьыным папщ1э. Ди анэдэлъхубзэр щ1этхъумэн хуейуэ нэхъыщхьэу къызолъытэ сэ:

- Япэрауэ – ар ди гум и бзэщи. Ф1ык1э зыгуэрым зыщыхуэдгъазэк1э ди гум къыбгъэдэк1ыу допсалъэ, дыщышхыдэк1э – ди бзэмк1э нэхъ гуры1уэгъуэу жыдо1э. Ди анэдэлъху бзэращ сабийм ди гухэлъыр нэсу зэрыбгъэдэтлъхьэфыр.

-Ет1уанэрауэ – а бзэращ псом нэхърэ нэхъыф1у щапхъэ къызэрытхъыр, бзэм и беягъыр къызэрыдгъэлъагъуэр.

- Ещанэрауэ - ди щэн-хьэлыф1хэмрэ, хабзэхэмрэ щ1эблэм зэредгъэлъагъуфыр. Адэ-анэ куэдым къыддащтэ ик1и къалъытэ анэдэлъхубзэр хъумэн хуейуэ, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, къытхэтщ бзэм гулъытэ хуэзмыщ1ыжхэри, я бынхэр абы зык1и хуэмыныкъуэу зыбж.

Ди анэдэлъхубзэм и къэк1уэныр зэлъытар дэ едгъэк1уэк1 лэжьыгъэхэращ.

Адэ - анэм яужьк1э абык1э къалэнышхуэ къыдохуэ егъэджак1уэхэм я пщэ. Сабий ц1ык1уу къалъхуар ц1ыху хъуауэ къалъытэн папщ1э, абы куэдрэ уел1эл1эн хуейщ, абы и теплъэми, и бзэми, и акъылми, и дуней тетык1эми заужьауэ щытын щхьэк1э. Сабийм псалъэк1э егъэщ1эн хуейщ. Ар гъэсэн

хуейщ къыжра1эм щ1эда1уэфу, егупсысыфу, зыхуей псалъэр щ1ыхуей 1уэхум ехьэл1ауэ къигъэсэбэпыфу. Ат1э псом япэу унагъуэращ нэхъыщхьэр. Зыри зэран къахуэхъуфынукъым унэм щ1эсыр анэдэлъхубзэк1э узэпсалъэнумэ, уи быныр адыгэгуу бгъэсэнумэ, адыгэ нэмыс хэлъу къэбгъэтэджынумэ. Гур етауэ елэжьыфынущ бзэр хъумэным сабийхэр, адэ - анэхэр, щ1алъэгъуалэхэр, щ1эныгъэл1хэр, унафэщ1хэр.

Хьэбэз куейм дэт еджап1эхэм егъэджак1уэу щылажьэхэм къалэнышхуэ зыхуагъэувыжащ бзэр хъумэным хуэунэт1ауэ. Ауэ законым къызэригъэувамк1э адэ - анэм хуитыныгъэ иритащ и сабийр зэреджэну бзэр къыхихыну. Дэ псоми къыдгуро1уэ, ди сабийхэр адыгэбзэ къудейк1э егъэджа зэрымыхъунур. Дызыщыпсэу къэралышхуэм ис лъэпкъхэм дагуры1уэным папщ1э, 1эмал имы1эу урысыбзэри нэгъэсауэ яджын хуейщ, ищхьэ еджап1эхэм щ1эт1ысхьэу щ1эныгъэ зрагъэгъуэту, 1эщ1агъэ къыхахыным щхьэк1э.

Зи лъэпкъ и къэк1уэным егупсыс адэ-анэм и быным зэран хуэмыхъуну къысщохъу, анэдэлъхубзэр къы1уричу. Зэрырегъащ1э сабийм и анэдэлъхубзэм къинэмыщ1ауэ урысыбзэри, инджылыбзэри, нэгъуэщ1хэри. Ахэр зык1и зэран хъунукъым. Ди адыгэбзэм хэтщ псалъэ гъэщ1эгъуэн мыхьэнэ куэд зи1э - «хьэкъ». Мы псалъэм и1энк1э мэхъу мыхьэнэ зыбжанэ: хабзэ, къалэн, уасэ, пэжыгъэ. Псоми ди къалэныр нэгъэсауэ гъэзэщ1эн хуейщ. Адыгэу укъэхъуамэ, адыгэу зубжмэ - уи анэдэлъхубзэри гуэхып1э имы1эу пщ1эн, урипсэлъэн, уритхэн хуейщ. Сыт хуэдиз лэжьыгъэ дэ едмыгъэк1уэк1ми еджап1эм, унагъуэм и деж адэ-анэр къыддэмы1эпыкъуу, сабийхэр егъэджа хъунукъым. Унагъуэм телевизор зэрымыт куэд щ1а зэрыщымы1эжрэ, абы удэк1уэтэжынщи, пэш къэс щ1этщ, нэхъык1эжыр шхэху зэманыр яхуэмыгъак1уэу пщаф1ап1эми щ1агъэувэри, яшхыр тэмэму ямылъагъуу, я нэр абык1э щы1эу машхэ. Компьютэр, планшет, телефон зимы1э сабий мащ1эщ къэнэжар. Сабий къэхъуагъащ1эр тригъэун папщ1э, ар мыгъмэ арэзы техъуэу, анэм телефоныр пегъанэри хуегъэув – езым и 1уэху ищ1эу йожьэж. Сабийхэм адыгэбзэк1э а телефонным зы макъи щызэхахкъым. Гужьеигъуэщ сабий 1ыгъып1эм ущ1ыхьэу, зэрыпсалъэм ущ1эда1уэмэ - псори урысыбзэщ зэрыпсалъэр, жып1эр къызгурымы1уэр куэдщ. Ар тэрэз? Хьэуэ, ди бзэр, ди анэдэлъхубзэр 1эщ1ыб дыщ1ыныр, щыуагъэшхуэщ.

Мащ1экъым гупсысэу егэджак1уэхэм я1эр. Тхылъ адыгэбзэмк1и анэдэлъхубзэмк1и яхурикъукъым, дэ1эпыкъуэгъу псынщ1э я1экъым, нэрылъагъуу ягъэлъэгъуэну таблицэхэр мащ1э дыдэщ я1эр, зимы1эххэри нэхъыбэжщ. А псоми емыплъу егъэджак1уэхэм ирагъэк1уэк1 зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр : усэ зэпеуэ, сочиненэ ятх, «Джэгурэш» зэпеуэ, зэджа тхыгъэхэм щыщ 1ыхьэхэр пьесэ ягъэув, олимпиадэ ирагъэк1уэк1, тхылъеджэхэр, нэгъуэщ1хэри. Нэхъ куууэ яджынщ, нэхъ гузэвэнщ, нэхъ егугъун жыт1эри бзэмк1э ебгъуанэ классыр къыщаухым, экзамен едгъэтын щ1эддзат, ауэ илъэсит1 мэхъури ари щы1эжкъым. 1эщыб дыдэ ящ1ар тхылъеджэнращ. Дауэ бзэм зэрызиужьынур? Уи лъэпкъым и къек1уэк1ык1ар, и л1ыхъужьхэм я хахуагъэр, я гуеягъыр зы тхылъ къапщтэу къомыджык1мэ. Сыт хуэдизу гухэхъуэ ди тхак1уэ гъуэзэджэхэм ятха усэхэм ущеджэк1э, уи гур хегъахъуэ, адыгэгуу, лъэпкъыпсэу уегъасэ. Гъэсэныгъэ хуабжьрэ, ущиерэ хэлъщ Бемырзэ Мухьэдин и усэхэм. Фэрыщ1ыгъэ лъэпкъ хэмылъу, гухэлъ маф1эк1э гъэнщ1ащ ахэр:

Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ.

Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ…..

( Бемырзэ М)

Сыт хуэдизым уригъэгупсысрэ? Пэжщ хьэлъэщ, ауэ дэращ ар зи лажьэр. Ди сабийхэр дгъэсэн хуейщ лъэпкъым, хэкум хуэфащэу. Дэ дыик1э л1эщ1ыгъуэкъым, гъащ1эр мак1уэ, щ1эблэм къагурыгъэ1уэн хуейщ адэк1э ди бзэм п1ыщ1а зэрыхъунур езыхэм зэрепхар. Ди л1ыщхьэхэмрэ унафэщ1хэмрэ къытхуэгузэвэн хуейуэ игъуэщ. Къуаншэрэ захуэрэ дымылъыхъуэу, зэрытлъэк1к1э щхьэж хузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ ди бзэр тхъумэным папщ1э. Адэ-анэхэм унагъуэм деж быным нэхъ гулъытэ хуащ1у, анэдэлъхубзэк1э унагъуэм щыпсалъэу, хабзэ - бзыпхъэхэр ирагъэщ1эну, адыгэ шхыныгъуэхэр хуаупщэф1у ирагъэшхыну къалэн я1эщ. Иджырэ къэс бзэрабзэу къынэтхьэса ди анэдэлъхубзэр щ1эблэ къэк1уэнухэм папщ1э дывгъэхъумэ. Бзэр димы1эжмэ - сытым дри1ысыж?



-75%
Курсы повышения квалификации

Занимательное искусствознание: как научить школьников понимать искусство

Продолжительность 72 часа
Документ: Удостоверение о повышении квалификации
4000 руб.
1000 руб.
Подробнее
Скачать разработку
Сохранить у себя:
Анэдэлъхубэр хъума хъунумпапщ1э (24.33 KB)

Комментарии 0

Чтобы добавить комментарий зарегистрируйтесь или на сайт